Темэнпсычэт
Appearance
| Темэнпсычэт | ||||||||||||||||
|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
| ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр | ||||||||||||||||
|
||||||||||||||||
| Латин цӀэр | ||||||||||||||||
| Vanellus vanellus Linnaeus, 1758 | ||||||||||||||||
| И щӀыпӀэр | ||||||||||||||||
здэгъуалъхьэр гъэпсом щӀымахуэр здырих | ||||||||||||||||
|

Темэнпсычэт (лат-бз. Vanellus vanellus) — Ӏуфэбзу лъэпкъым щыщ лӀэужьыгъуэщ.
Теплъэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Инкъым. Щхьэр, хулъащхьэр — фӀыцӀэщ; бгъэр, ныбэ щӀагъыр, щхьэбгъухэр — хужьщ. ТхыцӀэр удзыфэщ гъуэжь-гъуабжафэ къыщӀэуэу. ЩхьэщӀыбымкӀэ цы бгъузэ зыбжанэ хьэгуагуэ къыхокӀ.
Здэпсэухэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Щопсэу Еуропэ псом, Азиэм. Мэлъэтэж. Урысейм щыӀэхэм щӀымахуэр КъухьэпӀэ Къаукъазымрэ Курыт Азиэмрэ щрах. Щогъуалъхьэ мэкъупӀэ псыӀэхэм, мэз, псыпцӀэ гъунэхэм, губгъуэхэм. Пкъымызагъэ гуоурейщ.
Ӏусыр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Я Ӏусым хохьэ хьэпщхупщ, хьэмбылу, цӀыв, хьэндырабгъуэ, щыгъыныхь, мацӀэ.
| Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ орнитологиэмкӀэ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. |
Тхылъхэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]- Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкеск къ. 2007 гъ.