Jump to content

ЦӀэмэз

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
Къалэ
ЦӀэмэз
Нып Дэмыгъэ
Нып Дэмыгъэ
КъэралУрысей
Федерациэм и субъектКраснодар Къэрал
КординатхэрКординатхэр: 44°43′00″ с. ш. 37°46′00″ в. д. / 44.716667° с. ш. 37.766667° в. д. (G) (Я)44°43′00″ с. ш. 37°46′00″ в. д. / 44.716667° с. ш. 37.766667° в. д. (G) (Я)
КӀуэцӀ гуэшыгъуэрКуейуэ 5:
ЦӀэмэз,
КъуэкӀыпӀэ,
ХыӀуфэгъуэ,
Курыт,
Ипшъэ
МэрВладимир Ильич Синяговский
Щыхалъхьар1838
Хьэблэ 1866
И инагъыр835 км²
Агломерациэ282 600
ЗэманыгъуэрUTC+3
Почтэ индексхэр353900—353925
Автом и кодыр23; 93
Официал сайтырhttp://admin.novoros.com
ЦӀэмэз (Урысей)
ЦӀэмэз (Краснодар щӀыгу)

ЦӀэмэз (урбз. Новороссийск) — Урысейм хэт Краснодар къэралым и зы къалэ.

Джылу дэсыр 228, 243 (2009 гъэмкӀэ).

Къалэр ЦӀэмэз-хыжъэм Ӏулъ, Хы ФӀыцӀэм и Ӏуфэм.

VI ди лъэхъэнэм ипӀэм ЦӀэмэз-хыжъэм синдхэр щыпсоуа. ШӀы-лэжьыгъэм, щэхуэным пылъху, алыдж лъэпкъымрэ абыхэмрэ зэпылъу.

V ди лъэхъэнэм ипӀэм синдхэм я къэрал зэфӀоувэр.

V ди лъэхъэнэм ипӀэм иджырей ЦӀэмэзым идежь къалэ Бата зэфӀоувэр Боспор къэралым и къалэ гунапкъэм Ӏут. Къалэм дэсхэр щэхуэным пылъ, алыдж куэду дэс.

II ди лъэхъэнэм ипӀэм Батам аланхэр къытоуэри зэхакъутэ.

II ди лъэхъэнэм ипӀэм иджырей адыгэцӀэр къытонэ хыжьэм. Адыгэ лъэпкъхэм хазархэр, къэзанхэр къатоуэ зэпыт, къалэр хом-хомурэ яубыду езы адыгэхэр ӀуашъхьэхэмкӀэ хэкӀху.

XIII лъэхъэнэм ЦӀэмэз-хыжъэр къэзанхэм яӀыгъ. ЦӀэмэз и псыхъуэм идежь быдапӀэ Батарио ягъэувыр. БыдапӀэр урымхэм (генуэзхэм) яшъыр а лъэхъэнэхэм щэхуэн гъогу КъуэкӀыпӀэмрэ КъуэхьапӀэмрэ язэхуаку дэлъахэр яӀыгът. А быдапӀэр адыгэхэм я зэкӀуэхэм зыщахъумэн шъхьакӀэ ягъуват.

1453 гъэм тырку-осмэнхэм Константинополыр яубыд. Таманымрэ ЦӀэмэзымрэ тыркум я мэхъур.

Къалэ закъуэм и быдапӀэм щымыхъукӀэ тыркухэм я ӀанатӀэр фӀэкӀтэкъым, къалэм ихъуреягъ шӀыпэм натхъуэдж лъэпкъыр ису щыта.